Черкесхэм Я Хъэкъхэр Зипщэдэлъ-к1э зэджэж гупым и зэ1ущ1э
Черкесхэм Я Хъэкъхэр Зипщэдэлъ-к1э зэджэж гупым и зэ1ущ1э
Черкесхэм Я Хъэкъхэр Зипщэдэлъ (Çerkes Hakları İnisiyatifi)-к1э зэджэж гупым Мэзаем и 25-26-м Тырку-м и Коджаели къалэм "Демокрасием Хуэк1уэ Гъуэгум Адыгэхэм Къатехуэр" зиц1э зы лэжьыгъэ зэ1ущ1э зыхуашэсащ.
Лъэжыгъэ зэ1ущ1эм академик, политикэм хэт, джурналист, ик1и тхак1уэ куэд къэблэгъащ ик1и зэ1ущ1эм тэухуа хъыбарыщ1э къуэд газетехэм куэду къыхэщащ.
Зэ1ущ1эм къэблэгъахэм ящыщщ Проф. Др. Догъу зиц1э академик ц1эры1уэмрэ политикем хэт ц1ыху ц1эры1уэхэу 1Уфук 1Урас, Сырры Сурея Ондер, Азизе Сибэл Гонул.
Тырку къэрэлыгъуэ еджап1эхэм Адыгэбзэ щаджыфынущ
Тырку къэрэлыгъуэм и Егъэджэн 1Уэхухэм Еплъ и Министрацэм «Тыркум щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэхэм»(П.п. Адыгэхэм, Куртхэм, Лазхэм, нэгъуэщ1хэми) тхьэмахуэм сыхьэтитк1э ябзэк1э еджэну хуит зыщ унафэ къищтащ.
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Пхъакъуэхэм Хэхэсхэми Наф1э Щ1адзэн Хуеищ
Средиземное Хасэл1хэм Я Зэхэт-ым и тхьэмадэ къуэдзэуи щыт Журт Къэралыгъуэ Хасэм хэт Друзи лъэпкъым щыщ Магалли Ухбее Къэралъыгъуэм и хуитыныгъэ махуэм пхъакъуэхэр наф1эм езытыну гупым хэхэс зарахэмытым къыхуэгубжьащ.