Черкес Хасэм Адыгэ 1ээщ1агъэхэр щ1ащ1ыну 1уэхущ1ап1э щыз1уахащ
Черкес Хасэм Адыгэ 1ээщ1агъэхэр щ1ащ1ыну 1уэхущ1ап1э щыз1уахащ
Анкара Черкес Хасэм Адыгэхэм зэрахьэу щыта 1ээщ1агъэхэр щ1ащ1ыну 1уэхущ1ап1э щыз1уахащ.
1Уэхущ1ап1эр щыз1уахым щыгъуэ Тхьэмадэхэмрэ щ1элэгъуалэхэмрэ зыхэт гуп къэк1уал1эри къаплъыхьащ.
1Уэхущ1ап1эм къак1уэнухэр 1эзагъэк1э езгъэсэнур Адыгэ дыжьын, фэ, пхьэ хэщ1ык1хэм хуэ1эзэ Нэтабжэ Джанкат Деврим-щ.
Тырку къэрэлыгъуэ еджап1эхэм Адыгэбзэ щаджыфынущ
Тырку къэрэлыгъуэм и Егъэджэн 1Уэхухэм Еплъ и Министрацэм «Тыркум щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэхэм»(П.п. Адыгэхэм, Куртхэм, Лазхэм, нэгъуэщ1хэми) тхьэмахуэм сыхьэтитк1э ябзэк1э еджэну хуит зыщ унафэ къищтащ.
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Пхъакъуэхэм Хэхэсхэми Наф1э Щ1адзэн Хуеищ
Средиземное Хасэл1хэм Я Зэхэт-ым и тхьэмадэ къуэдзэуи щыт Журт Къэралыгъуэ Хасэм хэт Друзи лъэпкъым щыщ Магалли Ухбее Къэралъыгъуэм и хуитыныгъэ махуэм пхъакъуэхэр наф1эм езытыну гупым хэхэс зарахэмытым къыхуэгубжьащ.