Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъапсэук1ым и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кадыоглу программэм Адыгэхэм 19-нэ л1эщ1ыгъуэм ящхьэ къырик1уахэм щхьэк1э «лъапсэук» жи1ащ. А лъэхьэнэхэр тхыдэм къызэрыхэщым игугъ ищаиужьк1э, «сыт хуэдизи дырырек1, Адыгэхэм мы лъапсэук1ыр ящыгъупщэжынукъым» жи1ащ. Каффед-ым епха хасэухъуам щыгъуэ махуэ щырагъэк1уэк1у жи1аижк1э «Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеуэ къыдолъытэ» жи1ащ.
Кадыоглу, Тыркум щыпсо кавказ лъэпкъхэм яфейдэк1э Тырку къэрэлыгъуэм и конституцэм хэтын хуеуэ къалъытэхэм игугъу ищ1ащ. Нэхь хуитыныгъэ куэдырэ, ябзэр зэрадж1ын, я хабхэр зэрахъумэн 1эмалрэ зэрыхуехэр жи1ащ.
Сочи олимпиятхэм теухуауэ, ягу зэрымытыншым игугъу ищ1аижк1э, Урысейм 19. Л1эщ1ыгъуэм иригъэк1а лъапсэук1ыр имы1уэтэжауэ мы олимпиятхэр ямыдэну жи1ащ.
Тырку къэрэлыгъуэ еджап1эхэм Адыгэбзэ щаджыфынущ
Тырку къэрэлыгъуэм и Егъэджэн 1Уэхухэм Еплъ и Министрацэм «Тыркум щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэхэм»(П.п. Адыгэхэм, Куртхэм, Лазхэм, нэгъуэщ1хэми) тхьэмахуэм сыхьэтитк1э ябзэк1э еджэну хуит зыщ унафэ къищтащ.
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Пхъакъуэхэм Хэхэсхэми Наф1э Щ1адзэн Хуеищ
Средиземное Хасэл1хэм Я Зэхэт-ым и тхьэмадэ къуэдзэуи щыт Журт Къэралыгъуэ Хасэм хэт Друзи лъэпкъым щыщ Магалли Ухбее Къэралъыгъуэм и хуитыныгъэ махуэм пхъакъуэхэр наф1эм езытыну гупым хэхэс зарахэмытым къыхуэгубжьащ.