Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Япэрау сэхьатыр 13.00-м, Май 21-к1э зэджэ организацэм иц1эк1э Тыркум щылажьэ гупыр зэхуэсри Истанбыл-ым щы1э Урыс Консульским нэс лъэсыу к1уащ. Лъэсырык1эм щыгъуэ «Ц1ыху ук1 Урысеи, Кавказым ик1» «Мезаем и 21-р зауэ махуэщ» «Кавказыр Фашистхэм кхьэ яхуэхъунущ» хуэдэ псалъэхэр ину къагуэуащ. «Лъэпкъ гъэк1уэдымрэ, дихэку дызырахуамрэ ящыдгъэгъупщэнукъ1ым зытетха баннер зезыхьа гупыр Урыс Консульски пщ1ант1эм я прэсс-релизым къыщэджэри зыбгырык1ыжахэщ.
Абы иужьк1э сэхьатыр 15.00-ым а щып1эдыдэм щызэхуэса, «Адыгэ Хэкупсэхэ»к1э зэджэж гупыри лъэсырык1уэу ежьащ. «Адыгэ лъэпкъгъэк1уэдыр вдэн хуэщ» зытет баннер зы1ыгъа гупыр Урыс Консулским нэс к1уэри венок ф1ыц1э 1уалъхьащ. «Ц1ыхухэм я щэным Черкесияр иригъэухуэнущ,» «Ирепсэу лъэпкъхэм я зэкъуэщыныгъэр» хуэдэхэр къэзыгоуа гупур прэсс-релизым яужбк1э зыбгырык1ыжахэщ.
Махуэм ик1эми, Каффэд-ым хэт Хасэхэр сахьатыр 16.00-м зэхуэсащ. Хасэ куэдым хэту къэк1уа ц1ыхубэр зэхуэса иужьк1э хы 1уфэм нес «Урысеи, ди хьэкъхэр къыдэтыж,» «Кавказыбзэхэмк1э телевизор дыхуеищ» хуэдэхэр къагъуэурэ к1уахэщ. Адыгэбзэ-Абазэбэк1э гъыбзэхэри жа1ащ. Кхьухьлъатэк1э «Нэкъыгэм и 21 – Черкэсхэр Я Хэку Зырырахуар» зытет зы баннер къырахьэк1ащ. Зэ1ущ1эр Тхьэмадэхэм япсалъэхэм яужьк1э зыбгырык1ыжащ.
Тырку къэрэлыгъуэ еджап1эхэм Адыгэбзэ щаджыфынущ
Тырку къэрэлыгъуэм и Егъэджэн 1Уэхухэм Еплъ и Министрацэм «Тыркум щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэхэм»(П.п. Адыгэхэм, Куртхэм, Лазхэм, нэгъуэщ1хэми) тхьэмахуэм сыхьэтитк1э ябзэк1э еджэну хуит зыщ унафэ къищтащ.
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Пхъакъуэхэм Хэхэсхэми Наф1э Щ1адзэн Хуеищ
Средиземное Хасэл1хэм Я Зэхэт-ым и тхьэмадэ къуэдзэуи щыт Журт Къэралыгъуэ Хасэм хэт Друзи лъэпкъым щыщ Магалли Ухбее Къэралъыгъуэм и хуитыныгъэ махуэм пхъакъуэхэр наф1эм езытыну гупым хэхэс зарахэмытым къыхуэгубжьащ.