Билкент Университетым Адыгэбзэ Щадж
Билкент Университетым Адыгэбзэ Щадж
Анкара-м дэт университет щхьэхуэ Билкент зиц1эм Адыгэбзэ щырагъаджэТырк КЪэралыгъуэм и къалэ нахъыщхъэ Анкара-м дэт университет щхьэхуэ Билкент зиц1эм Адыгэбзэ щырагъаджэу къаублащ.
Мы университетым щеджэ Адыгэ щ1элэгъуалэ зыбжанэм хамэбзэ щырагъаджэ еджап1эм ирахьэл1а лъэ1ур гъэзэщ1эгъуаф1эу зылыта еджап1эм и тхъэмадэхэм я унафэк1э мэзае-м и 13-м еджак1уэ 14-м Адыгэбзэ зерагъащ1эу къаублащ. Адыгъэбзэ езыгъаджэр Урдэм Кериманщ.
Тхъэм ди еджак1уэхэри, егъэджак1уэри иригъэф1ак1уэ.
Тырку къэрэлыгъуэ еджап1эхэм Адыгэбзэ щаджыфынущ
Тырку къэрэлыгъуэм и Егъэджэн 1Уэхухэм Еплъ и Министрацэм «Тыркум щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэхэм»(П.п. Адыгэхэм, Куртхэм, Лазхэм, нэгъуэщ1хэми) тхьэмахуэм сыхьэтитк1э ябзэк1э еджэну хуит зыщ унафэ къищтащ.
Каффeд: Адыгэхэм лъапсэук1 зыращылъ1ар ядэн хуеищ
Адыгэхэр яхэку къызэрырахуамрэ, Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ и 148-нэ илъэсым теухуауэ Тыркум и телевизырхэм къыщыпсалъэ Каффэд-ым итхьэмадэ Ваджит Кадыоглу Нэкъыгэм и 21-м НТВ телевизырым къипсэлъык1ащ.
Кавказ лъэпкъхэм пэк1у зэ1уащ1ащ
Адыгэхэр я хэкум кызырахуам и щыгъуэ махуэ Нэкъыгэм и 21-м щхьэк1э, Тыркум щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм ящыщ ц1ыхубэ куэд Истанбыл-ым пэк1у щызэ1ущахэщ. Мыбы хэту Нэкъыгэм и 20-м хуэзэ Тхьэмахуэ махуэм щызэхуэса гупхэр щы мэхъу.
Пхъакъуэхэм Хэхэсхэми Наф1э Щ1адзэн Хуеищ
Средиземное Хасэл1хэм Я Зэхэт-ым и тхьэмадэ къуэдзэуи щыт Журт Къэралыгъуэ Хасэм хэт Друзи лъэпкъым щыщ Магалли Ухбее Къэралъыгъуэм и хуитыныгъэ махуэм пхъакъуэхэр наф1эм езытыну гупым хэхэс зарахэмытым къыхуэгубжьащ.